Архиепископ Феофилакт иригъэкIуэкIащ сымаджэщ члисэм и зэхыхьэр

07.11.2021
Просмотры: 2029

2021 гъэм щэкIуэгъуэм и 6-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургиер щригъэкIуэкIащ Тхьэм и Анэм и «Всех скорбящих Радость» тхьэнапэм и цIэр зезыхьэ и члисэ ЕссэнтIыгу къалэм щыIэм.

Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Псыхуабэ епархием и ЕссэнтIыгу округым и щоджэнхэм благочиннэ щоджэн нэхъыжь Фещенкэ Стефан, къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрий я пашэу. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къалэдэсхэр, гуапагъэ зыщIэ шыпхъухэр, «ДыгъафIэ къалэ» IуэхущIапIэм и гъэсэнхэм я унагъуэхэр.

Литургие, зэгъусэ тхьэлъэIу нэужьым Щихънагъым Тхьэм и Анэр игъэлъэпIащ, фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ.

2029
Фотогалерея