Архиепископ Феофилакт Марухэ къуажэм щригъэкIуэкIащ пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэр

05.11.2021
Просмотры: 2090

2021 гъэм щэкIуэгъуэм и 4-м, Тхьэм и Анэм и Къэзан тхьэнапэм и цIэр зезыхьэ махуэшхуэм Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и Марухэ къуажэм Къэзан члисэм и пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэр щригъэкIуэкIащ.

ТхьэлъэIу литургием хыхьэу Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Псыхуабэ епархием и Ипщэ Къэрэшей-Шэрджэс округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Субтельный Евгений, члисэм и унафэщI иеромонах Александр (Емельянов), къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрий. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къуажэдэсхэмрэ къэзакъхэмрэ.

Литургие нэужьымрэ зэгъусэ тхьэлъэIу нэужьымрэ Щихънагъым игъэлъэпIащ Тхьэм и Анэр икIи фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ

2090
Фотогалерея