COVID-19 узыфэм земыгъэубгъунымкIэ щыIэ Iэмалхэм щытепсэлъыхьащ Правительствэм и вице-премерь Суюнов Джанибек зыхэта зэхыхьэ зыубгъуам.
ЗэIущIэм хэтащ КъШР-м и Iэтащхьэм и Администрацэмрэ Правительствэмрэ хэтхэр, республикэм и ЦIыхубэ Зэхуэсым и депутатхэр,
къалэхэмрэ районхэмрэ я Iэтащхьэхэр, чристэнхэмрэ муслъымэнхэмрэ, КъШР-м и Роспотребнадзорым и Управленэм и лэжьакIуэхэр.
Санитарнэ къэрал дохутыр нэхъыщхьэ Бескакотов Сергей вакцианцэм и телъхьэу псэлъащ. Сергей къыхигъэщащ социальнэ зэпыщIэныгъэхэр гъэмэщIэн зэрыхуейр, республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и щытыкIэр зэрыхьэлъэр. Республикэм и гъуэлъыпIэ фондыр – 1165-рэ мэхъу. Абы щыщу иджыпсту 1055-р къагъэсэбэп. Процент 30-р кислород хуэныкъуэщ, 12-р реанимацэм щIэлъщ.
Республикэм и сымаджэщхэмрэ поликлиникэхэмрэ жылагъуэ кIэлъыплъыныгъэр къыщыпащэным теухуауэ къэспэлъащ КъШР-м и ЦIыхубэ Зэхуэсым и депутат, КъШР-м и мыкоммерцэ IуэхущIапIэхэм я «Во Благо» Зэгухьэныгъэм и унафэщI Кубанов Расул.
Зэхыхьэм хэтхэм къыхалъхьа Iуэхухэр резолюцэм хагъэхьащ икIи КъШР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм ягъэхьащ.