Бакинскэ епархием къыщыхалъхьащ фIэщхъуныгъэ зиIэу яукIа лажьэншэхэр ягу къыщагъэкIыж махуэ

25.10.2021
Просмотры: 2616

2021 гъэм жэпуэгъуэм и 24-м Бакинскэ епархием и Чристэн дин щэнхабзэ центрым Псыхуабэ, Черкесск епархием и архиепископ, Бакинскэ, Азербайджанскэ епархиер пIалъэкIэ зезыгъакIуэ Феофилакт епархием и щоджэнхэм я зэIущIэ щригъэкIуэкIащ.

Синод ЛъапIэм и унафэр гъэзэщIэным и IуэхукIэ, 2021 гъэм фокIадэм и 23-24-хэм (журнал №70), чристэнхэр ягу къыщагъэкIыж махуэу къыхалъхьащ, Тхьэм пэщIэтхэм Бакинскэ, Азербайджанскэ епархием и Iэгъуэблагъуэм щэкIуэгъуэм и 2-м щаукIахэр, Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча Иоанн и фэплъым ирихьэлIэу. ЩэкIуэгъуэм и 2-м пэгъунэгъу тхьэмахуэм тхьэлъэIу ирагъэкIуэкIыну яубзыхуащ. 2021 гъэм ар япэу жэпуэгъуэми 31-м къызэрагъэпэщынущ.

2616
Фотогалерея