Махуэшхуэм хэтхэм махуэгъэпсхэр тыгъэ хуащIащ

15.10.2021
Просмотры: 2630

2021 гъэм жэпуэгъуэм и 14-м КъБР-м и Прохладнэ къалэм и Покров члисэм и зэгухьэныгъэм щагъэлъэпIащ пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэр. Махуэшхуэ литургиер иригъэкIуэкIащ Псыхуабэ епархием Налшык щиIэ округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Бобылев Валентинрэ члисэм и унафэщI щоджэн Калинин Евгенийрэ къардэн Артунов Георгийрэ.

Щоджэнхэм тхьэлъэIур ирагъэкIуэкIащ Налшык 2005 гъэм жэпуэгъуэм и 13-14-хэм IэщэкIэ зэщIэузэда гуп хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм щатеуам хэкIуэдахэм.

Махуэшхуэм хэтхэм тыгъэ хуащIащ члисэ махуэгъэпсхэр гъэ къакIуэм ейр, члисэ къызытещыр, махуэшхуэ ерыскъыхэр щIыгъуу.

2630
Фотогалерея