«ДыгъафIэ къалэм» щагъэлъэпIащ центрыр илъэс зэрырикъур

13.10.2021
Просмотры: 2063

Махуэшхуэр щекIуэкIащ унагъуэм. ФIэхъускIэ зыхуагъэзащ егъэджакIуэхэм, адэ-анэхэм, сабийхэм махуэшхуэм кърихьэлIахэм. Псыхуабэ епархием и ЕссэнтIыгу округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Фещенкэ Стефан Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт зэразыхуигъазэ хъуэхъур ялъигъэIэсащ, центрым тыгъэ хуищIащ щихъ Николай и тхьэнапэр.

ЕссэнтIыгу къалэ администрацэм и Iуэхухэр зезыгъакIуэ Поповэ Наталье ЕссэнтIыгу къалэм и Iэтащхьэ Некристов Александр и хъуэхъур ялъигъэIэсащ зэхуэсахэм. Къалэ Думэм и унафэщI Задков Андрей центрым иритащ канцеляр Iэмэпсымэхэр, зэрызрагъэужь зэрыджэгу хьэпшыпхэр. Ставрополь крайм и Нотариальнэ палатэм и лIыкIуэм хьэщIэхэмрэ махуэшхуэм зыкърезыгъэхьэлIахэмрэ захуигъэзащ хъуэхъукIэ икIи центрым и нэIэм щIэтхэм яритащ рецикуляторрэ IэфIыкIэхэмрэ.

ЕгъэджакIуэхэм сабийхэр я гъусэу ягъэхьэзыращ махуэшхуэ программэ. Уэрэдхэр, театр теплъэгъуэхэр, къафэхэр – хьэщIэхэмрэ адэ-анэхэмрэ ирагъэплъащ.

Махуэшхуэм и волонтёр аргуэру хъуащ ЕссэнтIыгу къалэм щыIэ Ставрополь къэрал пединститутым и къудамэм и студентхэр. Концерт нэужьым ныбжьыщIэхэм анимацэ программэ ягъэхьэзыращ икIи стIолым IэфIыкIэхэр трагъэуващ.

2063
Фотогалерея