«Анэхэм папщIэ унэ» IуэхущIапIэм пэщIэдзэ классхэм щIэс еджакIуи 170-м щадэIэпыкъуащ

01.10.2021
Просмотры: 1867

Псыхуабэ епархием и «Анэхэм папщIэ унэ» кризис центрым щызэхалъхьэжащ гъэ къэс еджэгъуэщIэм и пэ къихуэу къызэрагъэпэщ псапэ Iуэхухэм кърикIуахэр. ШыщхьэуIу псом унагъуэхэм школ формэхэр къыхахащ. Школ фэилъхьэгъуэхэр центрым тыгъэ хуащIащ Псыхуабэ и Успенскэ члисэм.

«Мыгувэу школым» махуэшхуэм школ Iэмэпсымэхэр япэ классым кIуэ еджакIуэ 80-м иратащ. Иджыри 2-11 классхэм щеджэ 90-м апхуэдэу тыгъэ хуащIащ. Псапэ Iуэхухэр къызэзыгъэпэщахэм фIыщIэ хуащIащ «ГъащIэр къегъэл» программэр езыгъэкIуэкIхэу Чакалов Василийрэ Пирмагомедов Элярэ, махуэшхуэр ирагъэкIуэкIынымкIэ дэIэпыкъуэгъу хъуахэм щIыгъуу.

1867
Фотогалерея