Архиепископ Феофилакт унафэщIхэм ехъуэхъуащ

30.09.2021
Просмотры: 2545

Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт Псыхуабэ епархием и унэм щригъэблэгъащ Александровскэ станицэм и Александрэ-Невскэ екIуэлIапIэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Дмитриенкэ Сергийрэ Острогоркэ къуажэм и Георгиевскэ члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Холодный Александррэ.

Пастыр нэхъыщхьэр абыхэм епсэлъащ, Сергий еупщIащ «Отрада» екIуэлIапIэр зэрылажьэм, Александр екIуэлIапIэм и щIалэгъуалэм я гъэсэныгъэ Iуэхум зэрехъулIэм и гугъу иригъэщIащ. Щихънагъыр щоджэнхэм ехъуэхъуащ блэкIа махуэ лъапIэхэмкIэ. Архиепископ Феофилакт «За труды на благо Пятигорской епархии» медалым и III нагъыщэр иритащ щоджэн нэхъыжь Дмитриенкэ Сергий. Щоджэн нэхъыжь Холодный Александр къызэралъхурэ илъэс 45-рэ щрикъум ирихьэлIэу Щоджэн нэхъыщхьэм и щIыхь тхылъыр иратащ.

Щоджэн нэхъыщхьэр щоджэнхэм ехъуэхъуащ екIуэлIапIэм папщIэ икIи Тхьэр къадэIэпыкъуну захуигъэзащ.

2545
Фотогалерея