Пасэрей урыс уэрэдыжьхэр щыжаIащ концертым

26.09.2021
Просмотры: 2527

Псыхуабэ епархием и щIалэгъуалэ къудамэм щекIуэкIащ Ставрополь крайм опереттэмкIэ и театрым и артистхэм я «Душа народной песни» пшыхьыр. Театрым и солистхэм ягъэзэщIащ композитор цIэрыIуэхэм зэрагъэзэхуэжа урыс цIыхубэ уэрэдхэр. Къызэхуэсахэм фIэхъус ярихащ Спасскэ члисэ зэхуэхьэсам и клирик Копач Пётр.

Театрым и артситхэм я зэIущIэхэр хабзэ дахэ хъуащ Псыхуабэ къалэ-зыгъэпсэхупIэм щыпсэухэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ я дежкIэ. КъыкIэлъыкIуэ концертыр Тхьэм и Анэм и Покров махуэшхуэм ирихьэлIэу 2021 гъэм жэпуэгъуэм и 14-м сыхьэт 18.00-м екIуэкIынущ.

2527
Фотогалерея