Архиепископ Феофилакт пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэр щригъэкIуэкIащ Санамер къуажэм

23.09.2021
Просмотры: 2574

2021 гъэм гъэм фокIадэм и 22-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургиер щригъэкIуэкIащ Иоакимрэ Аннэрэ я цIэр зезыхьэу Санамер къуажэм щыIэ члисэм.

Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ ЕссэнтIыгу члисэ округым и щоджэнхэм благочиннэ щоджэн нэхъыжь Фещенкэ Стефанрэ къардэн Копач Петррэ я пашэу. Пащтыхь шэнтиуэ махэушхуэм щызэхуэсащ къуажэдэсхэр, гъунэгъу частхэм къулыкъу щызыщIэхэр.

Христос и Щэхухэм зыхагъэгъуэзэным и пэ къихуэу архиепископ Феофилакт фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ. Литургие нэужьым щоджэнхэм зэгъусэ тхьэлъэIу ирагъэкIуэкIащ икIи члисэм и хъумакIуэхэр ягу къагъэкIыжащ.

2574
Фотогалерея