Архиепископ Феофилакт литургие щригъэкIуэкIащ Черкесск и Покров члисэм

20.09.2021
Просмотры: 2338

2021 гъэм фокIадэм и 19-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургиер щригъэкIуэкIащ Черкесск и Покров члисэм. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ члисэм и унафэщI, Ищхъэрэ Къэрэшей-Шэрджэс округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Нартов Александр, члисэм и щоджэн Птушкин Сергий, къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрий. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къэзакъхэмрэ Къэрэшей-Шэрджэсым и къалащхьэм щыпсэухэмрэ. ХъыбарыфIхэр зэрыт тхылъ лъапIэм къыщыхьахэм къеджа нэужь, Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ.

2338
Фотогалерея