Архиепископ Феофилакт Тхьэ щелъэIуащ щоджэн нэхъыжь Агеев Павел щыщIалъхьэжа щIыпIэм деж

05.09.2021
Просмотры: 3724

2021 гъэм фокIадэм и 4-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ ЕссэнтIыгу къалэм и Никольскэ члисэм. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Псыхуабэ епархием и Административнэ секретариатым и унафэщI щоджэн Яковенкэ Илия, ЕссэнтIыгу члисэ округым и щоджэнхэм благочиннэ щоджэн нэхъыжь Еланцев Сергий я пашэу, щоджэн Агеев Николай, къардэн Агеев Александр, къардэн Копач Петр. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къалэм щыпсэухэр. Литургие нэужьым архиепископ Феофилакт дамыгъэ лъапIэр иритащ Псыхуабэ епархием и щоджэн нэхъыжь Углов Михаил. Щоджэн нэхъыщхьэм и лъэIукIэ Москварэ Урысей псомрэ я Патриарх Кирилл Михаил къыхуагъэфэщащ щихъ Радонижский Сергий и орденым и япэ нагъыщэр, и лэжьыгъэхэмрэ щоджэн къулыкъур илъэс 60 хъуауэ зэрырихьэкIымрэ папщIэ.

ИужькIэ пастыр нэхъыщхьэм щоджэнхэм я гъусэу Никольскэ члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Агеев Павел щыщIалъхьэжа щIыпIэм деж тхьэлъэIу щригъэкIуэкIащ Павел дунейм зэрехыжрэ махуибгъу щрикъум ирихьэлIэу. Архиепископ Феофилакт и арэзыныгъэкIэ ар члисэм и Iэгъуэблагъуэм щыщIалъхьэжащ. ТхьэлъэIу нэужьым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ.

3724
Фотогалерея