Чристэн щIалэгъуалэмрэ щоджэнхэмрэ Тхьэ елъэIуащ Беслъэн щыхэкIуэда сабийхэм папщIэ

04.09.2021
Просмотры: 2413

Терроризмым пэщIэтынымкIэ Псыхуабэ епархием и Ипщэ Къэрнэшей-Шэрджэс округым и щIалэгъуалэ къудамэмрэ щоджэнхэмрэ щыIащ 2004 гъэм Беслъэн къалэм и япэ школым террористхэм зэрахьа щIэпхъэджагъэм хэкIуэдахэм я кхъащхьэм. Ар Хетагуров Коста къуажэм щыIэщ. ЩIалэгъуалэмрэ щоджэнхэмрэ Беслъэн щыхэкIуэдахэр ягу къагъэкIыжащ.

ТхьэлъэIу нэужьым абы хэтахэм кхъащхьэм удз гъэгъахэр тралъхьащ.

 

***

Беслъэн къыщыхъуа гузэвэгъуэм хэкIуэдахэм я фэеплъ Хетагуров Коста къуажэм илъэсипщI дэкIа нэужь – 2021 гъэм фокIадэм и 2-м къыщызэIуахащ.

2413
Фотогалерея