Пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэр щекIуэкIащ МыIэрыщI теплъэм деж

30.08.2021
Просмотры: 3096

2021 гъэм шыщхьэуIум и 29-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэр щригъэкIуэкIащ Архыз Ищхъэрэм и МыIэрыщI теплъэм деж.

ТхьэлъэIу литургием Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур щыдригъэкIуэкIащ члисэм и унафэщI архимандрит Антоний (Данилов), Ипщэ Къэрэшей-Шэрджэс члисэ округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Субтельный Евгений, члисэм и унафэщI игумен Григорий (Бочаров), къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрий. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ щIыналъэ лъапIэм щыIэхэр, къуажэмрэ абы и Iэгъуэблагъуэм щыпсэухэмрэ.

Литургие нэужьым Щихънагъым зэгъусэ тхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ икIи фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ. ТхьэлъэIу нэужьым Щихънагъым щоджэнхэмрэ екIуэлIапIэм кIуэхэмрэ я гъусэу Тхьэмрэ КъегъэлакIуэ Христосрэ я Архыз Ликым дэкIуеящ, члисэм и щыгум щыIэм икIи абдеж Тхьэ щелъэIуащ.

3096
Фотогалерея