Архиепископ Феофилакт иригъэкIуэкIащ Преображения къулыкъур

20.08.2021
Просмотры: 3976

ШыщхьэуIум и 18-м пщыхьэщхьэм, Преображения махуэшхуэм и пэ къихуэу, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIур щригъэкIуэкIащ Псыхуабэ и Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Шардж къуажэм щихъ апостол Филипп и цIэр зезыхьэ и члисэм и унафэщI архимандрит Александр (Заркешев), члисэ зэхуэхьэсам и щоджэнхэр. Щихънагъым къулыкъур иригъэкIуэкIащ, махуэшхуэ Инджылым къеджащ, фIэщхъуныгъэ зиIэхэм гъэнэхуа дагъэм щыщ щахуащ.

ШыщхьэуIум и 19-м, махуэшхуэм, архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургиер щригъэкIуэкIащ Спасскэ члисэ зэхуэхьэсам, клирикхэм я гъусэу. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ Псыхуабэ щыпсэухэмрэ зыгъэпсэхупIэм и хьэщIэхэмрэ. ХъыбарыфIхэр зэрыт тхылъ лъапIэм къыщыхьахэм иужькIэ Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ. Литургие нэужьым Щоджэн нэхъыщхьэм игъэнэхуащ кърахьэлIэжа пхъэщхьэмыщхьэр.

3976
Фотогалерея