Махуэшхуэ жэщ тхьэлъэIур Минводы щекIуэкIащ

09.08.2021
Просмотры: 2938

2021 гъэм шыщхьэуIум и 8-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт Псыхуабэ епархием и щоджэнхэм я гъусэу, пщыхьэщхьэ тхьэлъэIу литургиер щригъэкIуэкIащ Минводы къалэм и Покров члисэ зэхуэхьэсам и дэкIуеипIэм.

Члисэ зэхуэхьэсам и утым щихъ Кавказский Феодосий и къарум щыщ Iыхьэхэр къагъэIэпхъуащ. Тхьэм и нэфI зыщыхуам и фэеплъ махуэм ирихьэлIэу абы Тхьэ хуелъэIуну зэхуэсащ епархием и екIуэлIапIэхэм Тхьэ елъэIуну кIуахэмрэ Кавказ Ищхъэрэм и плIанэпэхэмрэ.

Литургие нэужьым Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ. ИужькIэ архиепископ Феофилакт къулыкъур щригъэкIуэкIащ члисэ зэхуэхьэсам и япэ унафэщI щоджэн нэхъыжь Агеев Илия щыщIалъхьэжа щIыпIэм деж.

2938
Фотогалерея