Тхьэмахуэ школым и гъэсэнхэм тхьэмахуэ гукъинэж дагъэкIуэкIащ

04.08.2021
Просмотры: 2366

КъБР-м и Прохладнэ къалэм и Никольскэ члисэм и тхьэмахуэ школым щIэс ныбжьыщIэ 15-м тхьэмахуэ гукъинэж къыхузэрагъэпэщащ.

Пщэдджыжь къэс тхьэлъэIукIэ ирагъэжьащ. Абы къриубыдэу щIыпIэ гъэщIэгъуэн куэдым щыIащ, я щIэныгъэм хагъэхъуащ, Патриот къалэ паркымрэ Лъахэхутэ музеймрэ щыIащ, Прохладнэм и тхыдэ щIыпIэхэр къызэщIиубыдэу. НыбжьыщIэхэм адмирал Головко Арсений теухуа куэд къащIащ.

Апхуэдэу тхьэмахуэ школым и гъэсэнхэм я нэгу зрагъэужьащ. Аттракционхэм хъыринэ щещIащ, гуэлым щерсащ, «Юла» джэгу центрым щыIащ, «Легоград» «Лего» щызэхуахьэсащ.

Тхьэмахуэ школым и унафэщI Истоминэ Людмилэ къытеувыIащ Никольскэ члисэм и лъапIэныгъэ нэхъыщхьэм, Тхьэм и Анэм и «Мэздэгу» тхьэнапэм. ТхьэлъэIу литургие ирагъэкIуэкIащ, Христос и щэхухэм зыхагъэгъуэзащ.

2366
Фотогалерея