Волонтерыхэм ягуэшащ гуманитар дэIэпыкъуныгъэ тоннищ

01.08.2021
Просмотры: 2247

Черкесск и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и волонтёрхэм я нэIэм щIэтхэм хуагуэшащ гуманитар дэIэпыкъуныгъэ тоннищ. Помидорхэр члисэ зэхуэхьэсам ишащ «Южный» агрокомбинатым и гупым. ДэIэпыкъуныгъэр хуащIащ къалэм и чристэн унагъуэхэм ящыщ цIыху 1000-м щIигъум. Щоджэнхэмрэ Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам фIэщхъуныгъэ зиIэ и цIыхухэмрэ фIыщIэ хуащIащ агрокомбинатым и унафэщI Айбазов Кемалрэ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэмрэ.

2247
Фотогалерея