ЕссэнтIыгурэ Юцэрэ я зэгухьэныгъэхэр пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэм IущIащ

23.07.2021
Просмотры: 2969

2021 гъэм бадзэуэгъуэм и 21-м ЕссэнтIыгу къалэм Тхьэм и Анэм и Къэзан тхьэнапэм и цIэр зезыхьэ екIуэлIапIэмрэ Юцэ къуажэмрэ щагъэлъэпIащ пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэр. ЕссэнтIыгу тхьэлъэIу литургиер щригъэкIуэкIащ округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Еланцев Сергий, унафэщI щоджэн Афонин Иоаннрэ Георгиевскэ епархием и клирикхэу щоджэн Силко Павелрэ Иванов Елисейрэ и гъусэу.

Юцэ къуажэм литургиер щригъэкIуэкIащ Лермонтовскэ округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Фаустов Константин, щоджэн нэхъыжь Беляев Сергий, щоджэн Беляев Михаил, члисэм и унафэщI щоджэн Беляев Александр, Феодийскэ епархием и хьэщIэ къардэн Хазиев Павел и гъусэу.

Литургие нэужьым члисэхэм зэгъусэ тхьэлъэIухэр щекIуэкIащ. ТхьэлъэIум хэтахэр ягъэхьэщIащ.

2969
Фотогалерея