Псыхуабэ ягу къыщагъэкIыжащ лей зраха пащтыхьхэр

18.07.2021
Просмотры: 2936

2021гъэм бадзэуэгъуэм и 17-м пащтыхьхэм лей зрахахэм я фэеплъ махуэм Псыхуабэ члисэ округым и щоджэн нэхъыжь Симанович Олег тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ фIэщхъуныгъэ зиIэ пащтыхьыкъуэ Алексий папщIэ.

Благочиннэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Псыхуабэ и Покров члисэм и клирик Калинин Евгенийрэ къардэн Левченкэ Петррэ. ТхьэлъэIум хэтащ Покров члисэм екIуалIэхэр, зыгъэпсэхупIэм и лэжьакIуэхэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ.

Литургие нэужьым фIэщхъуныгъэ зиIэхэр зэгъусэ тхьэлъэIукIэ члисэм ихъуреягъыр къакIухьащ. Благочиннэм тхьэлъэIум хэтхэм ягу къигъэкIыжащ пащтыхь унагъуэр чристэн диным, гъащIэ жорыр хьыным зэрыхущытар икIи тхьэлъэIум хэтхэм ехъуэхъуащ Тхьэм и унафэхэр ягъэзэщIэныр къехъулIэну.

2936
Фотогалерея