2021 гъэм бадзэуэгъуэм и 16-м Псыхуабэ и Лазаревскэ члисэм и щоджэн Чистяков Александр игъэлъэпIащ и илъэс 45-р. Александр ЕтIэкъуэ къуажэм и Покров члисэм и унафэщIщ икIи жылитIым я зэгухьэныгъэхэм и нэIэ тетщ.
Щоджэныр къыщалъхуа махуэм епархием и унэм иригъэблэгъащ Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт. Щихънагъыр гуапэу ехъуэхъуащ Александр, екIуэлIапIэм и гъащIэр зыхуэдэм щIэупщIащ, къуажэм и зэгухьэныгъэхэм щригъэкIуэкI лэжьыгъэхэм папщIэ фIыщIэ хуищIащ. И юбилейм ирихьэлIэу Пастыр нэхъыщхьэм щоджэным Щоджэн нэхъыщхьэм и щIыхь тхылъыр хуигъэфэщащ.