2021 гъэм бадзэуэгъуэм и 10-м къызэIуахащ кэзакъ щIалэгъуалэм я етхуанэ «Казачье единство — 2021» Евразие зэхуэсыр. Къэбэрдей-Балъкъэрым мы гъэм щекIуэкI зэхыхьэм чристэн къэзакъхэр зэкъуегъэувэ, лъапIэныгъэхэр, урыс къэзакъ хабзэхэр яхъумэн, зрагъэужьын, ягъэкIуэтэн папщIэ.
Москварэ Урысей псомрэ я Патриарх Кирилл и арэзыныгъэкIэ къэзакъхэм ядэлэжьэнымкIэ Синод комитетым къэзакъ щIалэгъуалэм я «Казачье единство» Евразие зэхуэсыр 2016 гъэм щыщIэдзауэ ирегъэкIуэкI. Мыгъэрей зэхуэсым Урысейм и щIыналъэ 26-м я лIыкIуэхэр хэтынущ.
Зэхыхьэм хэтащ къэзакъхэм ядэлэжьэнымкIэ Синод комитетым и унафэщI, Ставропольрэ Невинномысскрэ я митрополит Кирилл, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт, Урысей Федерацэм и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэ Чайкэ Юрий, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, «Терское казачье войско» ВКО-м и атаман Кузнецов Виталий, Урысейм и къэзакъыдзэхэм я лIыкIуэхэр.
«Казачье единство» зэхуэсым и программэр бадзэуэгъуэм и 9-15-хэм тещIыхьащ, махуэ къэс тхьэлъэIур, тхьэлъэIу лиутргиер, щэхухэм хэтыныр, лекцэхэр, зэпсэлъэныгъэхэр, къэзакъ хабзэхэмрэ щэнхабзэ лъапIэныгъэхэмрэ зыхэгъэгъуэзэныр хохьэ.
Чайкэ Юрийрэ митрополит Кириллрэ зыхагъэгъуэзащ къэзакъ щIалэгъуалэм я проектхэм я выставкэм. Абы щыщщ – «История казачества» мобильнэ мультимедие музейр. Тэрч къэзакъхэм я ресурс центрыр, Тэрч-Малкэ къэзакъ зэгухьэныгъэм и атамным и саугъэтыр къэхьынымкIэ къэзакъхэм я губгъуэ зэхуэсыр.
Къэзакъ щIалэгъуалэм я лIыкIуэхэм епсэлъащ. Чайкэ Юрий къыхигъэщащ езыри къэзакъхэм къазэрыхэкIар икIи абы зыубгъуауэ къытеувыIащ: «Си нэхъыжьхэр 1862 гъэм Полтавэ губернием къикIри Азов тенджызым деж щытIысащ, Тенджыз фIыцIэ къэзакъхэр къыщыунэхуа щIыпIэм. ИужькIэ ар нэгъуэщI къэзакъхэм хэшыпсыхьыжри Кубань къэзакъыдзэ хъуащ. Си адэшхуэр къэзакъищэм я унафэщIу щытащ, Граждан зауэм хэкIуэдащ… Аращ сэркIэ къэзакъхэр – къызэрыкIуэ макъыу щIыщымытыр. Ар силъщ, си лъабжьэщ».
Зэхыхьэр тхьэлъэIукIэ къызэIуахащ, митрополит Кириллрэ архиепископ Феофилактрэ ирагъэкIуэкIар.
Зэхыхьэм хэтхэм защыхуигъазэм къэзакъхэм ядэлэжьэнымкIэ Синод комитетым и унафэщIым къыхигъэщащ «Христос и зауэлIхэм» я гъуэгу щхьэхуэр, къэзакъхэр зэрызэджэжыр: «Империем и гъунапкъэм дыщыIэкIэрэ, зауэлI ерухэр мамырыгъэр хъумэным щIэбэнащ, инджыл лъапIэныгъэхэм зэкъуигъэуващ. ЗауэлI
къулыкъу щIэныр зауэлIхэм я гъэсэныгъэу, Тхьэм зэрыщIапIыкIам и нэщэнэу, мыхъумыщIагъэхэм зэрыщIэбэным я щыхьэту».
Зэхуэсым къыщыпсалъэм, Президентым и полномочнэ лIыкIуэм къыхигъэщащ къэзакъым и дежкIэ гъэсэныгъэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр, чристэн фIэщхъуныгъэм абы и гъащIэр зэриубзыхур.
«ФIэщхъуныгъэншэу къэзакъыр – къэзакъкъым! Москварэ Урысей псомрэ я Патриарх Кирилл зэрыжиIамкIэ, къэзакъхэрщ хэкур фIыуэ лъагъуныр, члисэм зэрыхэпщIар, лъапIэныгъэхэм къыщхьэщыжыным хуэхьэзырыныр зыхъумэфар». Аращ мы зэхуэсыр къызэрызэригъэпэщам папщIэ Урыс Чристэн Члисэм къэзакъхэм ядэлэжьэнымкIэ и Синод комитетым фIыщIэ хуэсщIыну сыщIыхуейр. Апхуэдэ егъэджэныгъэ зэхыхьэхэм щIэныгъэ щызэбгъэгъуэтмэ, Iуэху бгъэдыхьэкIэхэмкIэ ущызэхъуажэмэ, ди лэжьыгъэм ухэтыну, урыс къэзакъхэм я тхыдэм хэлъхьэныгъэ хэупщIыну Iэмал уиIэщ», - къыхигъэщащ Чайкэ Юрий икIи зэхуэсым хэтхэм я махуэхэр къехъулIэну, ныбжьэгъущIэхэр зэрагъэпэщыну, зэпсэлъэну захуигъэзащ.
***
Къэзакъ щIалэгъуалэм я япэ Евразие зэхуэсыр 2016 гъэм Санкт-Петербург щрагъэкIуэкIащ, етIуанэр 2017 гъэм мэкъуауэгъуэм Севастополь, ещанэр – 2018 гъэм Сергиев Посад, еплIанэр – 2019 гъэм и бадзэуэгъуэм Краснодар крайм и Таман хытIыгуныкъуэм. 2020 гъэм эпидемие щытыкIэ гугъум къыхэкIыу зэхыхьэр ягъIээпхъуащ.
Зэхыхьэр Москварэ Урысей псомрэ я Патриарх Кирилл и арэзыныгъэкIэ, УФ-м и Президентым къэзакъхэм я IуэхухэмкIэ и Советым и унафэкIэ ирагъэкIуэкI, Москва и Правительствэр и дэIэпыкъуэгъуу. Зэхыхьэр къызэрагъэпэщащ – къэзакъхэм ядэлэжьэнымкIэ Синод комитетым, Москва технологиемрэ управленэмкIэ и къэрал университет Разумовский К. Г. И цIэр зезыхьэм (Япэ къэзакъ университетым).