ЕкIуэлIапIэм къуажэ библиотекэр зришэлIащ

08.07.2021
Просмотры: 1877

2021 гъэм бадзэуэгъуэм и 7-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт иригъэкIуэкIащ Сунжэ къуажэм и Иоанно-Предтечи члисэм и пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэр. ТхьэлъэIу литургием хыхьэу Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур иригъэкIуэкIащ Минераловодскэ члисэ округым и щоджэнхэм благочиннэ щоджэн нэхъыжь Панасенкэ Алексий я пашэу. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къуажэдэсхэр.

Литургие нэужьым Щихънагъым зэгъусэ тхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ, члисэм и хъумакIуэм Тхьэ хуелъэIуащ икIи фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ.

ИужькIэ архиепископ Феофилакт къуажэм дэт район библиотекэм зыщиплъыхьащ, екIуэлIапIэм и тхьэмахуэ школым щыIэм. Къуажэ библиотекэр зэхуащIыжыну иужь щихьам, IуэхущIапIэ хэха зэримыIэм къыхэкIыу, унафэщIымрэ члисэм екIуалIэхэмрэ абы и лэжьакIуэхэр ирагъэблэгъащ екIуэлIапIэм. Апхуэдэу библиотекэм и фондым Чристэн къыдэкIыгъуэхэр хэгъэхъуэнымкIи доIэпыкъу.

1877
Фотогалерея