Софие губгъуэм еханэу Тхьэ щелъэIуащ Кавказыр щхьэхуит къэзыщIахэм папщIэ

29.06.2021
Просмотры: 2826

Архыз и Софие губгъуэм еханэу щекIуэкIащ «Зажги свечу памяти освободителям Кавказа» Iуэхур, Хэку зауэшхуэр зэрыщIидзэрэ илъэс 80 зэрырикъум папщIэ. Iуэхур къызэрагъэпэщащ щэнхабзэмкIэ къудамэмрэ КъШР-м и Зеленчукскэ районым и администрацэм щIалэгъуалэмкIэ и къудамэмрэ, районым щэнхабзэмкIэ и унэм, къэзакъ зэгухьэныгъэм, дзэ комиссариатым, Псыхуабэ епархием и Ипщэ Къэрэшей-Шэрджэс округым.

Iуэхум хэтащ дзэ часть 20096-м и 34-нэ мотошабзауэ гупым къулыкъу щызыщIэхэр, армеец ныбжьыщIэхэр, администрацэм и лIыкIуэхэр, округым и щоджэнхэр.

Iуэхур щрагъэжьащ Кавказыр щхьэхуит къэзыщIыжахэм я фэеплъым деж. ИужькIэ щоджэнхэм тхьэлъэIу ирагъэкIуэкIащ. Абы фэеплъ пэкIу къыкIэлъыкIуащ. Iуэхур зауэ уэрэдхэр щагъэзащIэ концерткIэ зэхуащIыжащ. ЗауэлIхэм я фэеплъу уафэм шар зэмыфэгъухэр ираутIыпщхьащ. Iуэхум хэтахэр ягъэхьэщIащ.

2826
Фотогалерея