Щоджэныр къыщыпсэлъащ Псыхуабэ и бзылъхугъэхэм я Советым и конференцэм

25.06.2021
Просмотры: 2160

Горький М. и цIэр зезыхьэ къалэ библиотекэ нэхъыщхьэм щыгъуэ махуэм Псыхуабэ и бзылъхугъэхэм я советым и «Женское лицо победы» конференцэр щызэхэтащ. Абы хэтащ советым жыджэру хэтхэр, къалэ Думэм и унафэщI Похилько Людмилэ, Псыхуабэ къалэм и Покров члисэм и клирик щоджэн Калинин Евгений, къалэм и еджапIэ нэхъыщхьэхэм я студентхэр.

Щоджэн Калинин Евгений конференцэм хэтхэм яхутепсэлыъхьащ Инджылым и псалъэхэр игу къигъэкIыжу: «Нет больше той любви, как если кто положит душу свою за друзей своих» (Ин. 15, 13). «Ди нэхъыжьхэм я щIэблэм дригушхуэн хуейщ, я лIыгъэм и фэеплъыр тхъумэн хуейщ. Зэи тщыгъупщэнукъым зи лъагъуныгъэм и лIыгъэм и фIыгъэкIэ нобэ дыщIэпсэухэр», - жиIащ щоджэным.

2160
Фотогалерея