Архиепископ Феофилакт Черкесск щигъэлъэпIащ махуэшхуэр

22.06.2021
Просмотры: 6738

2021 гъэм мэкъуауэгъуэм и 21-м, Псэ Щихъым и махуэм, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургиер щригъэкIуэкIащ Черкесск и Покров члисэм. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Псыхуабэ епархием и щоджэнхэм Административнэ секретариатым и унафэщI щоджэн Яковенкэ Илия я пашэу. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къалэм щыпсэухэмрэ къэзакъ-баталпашинецхэмрэ.

Литургие нэужьым Щихънагъым махуэшхуэр игъэлъэпIащ икIи фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ. ИужькIэ тхьэлъэIум хэтахэм зэгъусэу сурэт зытрагъэхащ.

А махуэ дыдэм архиепископ Феофилакт члисэм и унафэщI, Ищхъэрэ Къэрэшей-Шэрджэс округым и благочиннэ, щоджэн нэхъыжь Нартов Александр и къуэхэм умэхъын щIыным и щэхухэр ядригъэкIуэкIащ. ЩIалэ цIыкIухэр щоджэным и еплIанэ, етхуанэ бын хъуахэщ. Псыхуабэ епархием къелъытэ сабий еплIанэ щаIэм и деж бынунагъуэшхуэу. Щихънагъым хабзэ хъуауэ езым ирегъэкIуэкI еплIанэ сабийр

умэхъын щIын къулыкъур. Епархиер ахъшэкIэ доIэпыкъу щоджэн бынунагъуэшхуэхэм.

6738
Фотогалерея