Горячеводск Троицэр щагъэлъапIэ къэзакъ зэхыхьэхэмкIэ

21.06.2021
Просмотры: 3230

2021 гъэм мэкъуауэгъуэм и 20-м Горячеводскэ къэзакъ зэгухьэныгъэм и шы спорт комплексым Тхьэнапищ махуэшхуэр щагъэлъэпIащ.

Махуэшхуэм и хьэщIащ Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт, Тэрч къэзакъыдзэм и атаман Кузнецов Виталий.

Щихънагъыр Горячеводскэ зэгухьэныгъэм и къэзакъхэмрэ абы и унагъуэхэмрэ ехъуэхъуащ къэзакъ хабзэхэр яхъумэну, фIэщхъуныгъэм емыпцIыжыну.

Тэрчыдзэм и атаманыр хъуэхъу нэужьым къеджащ «подъесаул» къулыкъур Псыхуабэ епархием къэзакъхэм ядэлэжьэнымкIэ и унафэщI щоджэн нэхъыжь Фещенкэ Стефан зэрыхуагъэфащэм теухуам.

Къэзакъхэм ехъуэхъуащ Псыхуабэ Думэм и депутат Чумаковэ Татьянэ.

Зэхыхьэхэр концерткIэ, къэзакъ зэгухьэныгъэм хэтхэм я джэгукIэ зэхуащIыжащ. Махуэшхуэм и хьэщIэхэм Iэнэ къыхуащтащ.

3230
Фотогалерея