Архиепископ Феофилакт: «Псыхуабэ епархием члисэ флористикэм зыщрагъэужьынущ»

19.06.2021
Просмотры: 5772

2021 гъэм мэкъуауэгъуэм и 18-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт Псыхуабэ и Лазаревскэ члисэм щыIущIащ члисэ флористикэмкIэ курсхэм я студентхэм. Щихънагъыр егъэджакIуэхэм епсэлъащ,

дерсхэр къазэрыщыхъум къытеувыIащ, члисэм и унафэщI щоджэн Яковенкэ Илия фIыщIэ хуищIащ курсхэм я лэжьыгъэр къызэрызэригъэпэщам папщIэ.

«Удз гъэгъахэр – Тхьэм цIыхум хуищIа тыгъэфIщ, абыхэмкIэ члисэр бгъэдахэмэ, Тхьэм къытхуищIа тыгъэмкIэ дыхуоупсэж, удз гъэгъахэм я дахагъэмрэ щабагъэмрэ зыхэту, удзым и мэ гуакIуэм тхьэлъэIум и хуабагъэмкIэ ди Тхьэр дгъэгуфIэн папщIэ. Аращ Псыхуабэ епархием члисэ флористикэм зыщIыщедгъэужьынур. IэщIагъэлIхэм дияпэкIи дадэлэжьэнущ члисэр гъэдэхэным и IуэхукIэ. Фи лэжьыгъэфIхэм, Тхьэм и унэм къулыкъу зэрыхуэфщIэм папщIэ дэтхэнэми фIыщIэ фхузощI», - жиIащ архиепископ Феофилакт.

Щихънагъым щихъ Тримифунтский Спиридон и теплъэр тыгъэ хуищIащ курсым екIуалIэ Бражинская Наталье, курсым папщIэ удз гъэгъахэр зыгъэхьэзырам. ЕгъэджакIуэ Олипир Наталье Пастыр нэхъыщхьэм тыгъэ хуищIащ Тхьэм и Анэм и теплъэр. Курсым хэтхэм фIыщIэ хуащIащ Пастыр нэхъыщхьэм члисэм и дахагъэм гулъытэ зэрыхуащIымрэ екIуэлIапIэм и IэщIагъэлIхэр зэрагъэхьэзырымрэ папщIэ.

Щоджэн нэхъыщхьэм и зэIущIэкIэ зэхуащIыжащ Псыхуабэ епархием члисэ флористикэмкIэ и ещанэ курсхэр. Ахэр тепсэлъыхьащ удз гъэгъахэр зэрызэIуащэм. Программэм хагъэхьащ мастер-классхэр, Георгиевскэ цIыхубз къулъшырыфым и гъэсэнхэмрэ шыпхъухэмрэ папщIэ дерсыр.

5772
Фотогалерея