Архиепископ Феофилакт IущIащ Ставрополь крайм и муфтийм

18.06.2021
Просмотры: 3667

2021 гъэм мэкъуауэгъуэм и 18-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт епархием и унэм щыIущIащ Ставрополь крайм и муфтий Рахимов Мухаммад-хаджи. Зэпсэлъэныгъэм и пэ къихуэу архиепископ Феофилактрэ Мухаммад-хаджирэ зэхъуэжащ фэеплъ саугъэтхэмкIэ. Щихънагъым Ставрополь и муслъымэнхэм я Iэтащхьэм иритащ Щоджэн нэхъыщхьэм и щIыхь тхылъыр, илъэс куэд хъуауэ зэрызэдэлажьэм папщIэ фIыщIэ хуищIу.

Шей ефэу Пастыр нэхъыщхьэмрэ муфтиймрэ чристэн щоджэнхэмрэ муслъымэн диным и лIыкIуэхэмрэ щIыналъэм и щIалэгъуалэм зэраIущIэнур яубзыхуащ. ШколакIуэхэмрэ студентхэмрэ щоджэнхэмрэ имамхэмрэ драгъэкIуэкI зэпсэлъэныгъэхэр Кавказ Ищхъэрэм и Iуэху бгъэдыхьэкIэфI хъуащ. Ахэр сэбэп мэхъу дин нэхъыщхьэхэм я лIыкIуэхэм зым адрейм пщIэ зэрыхуащIыр, унагъуэм и лъапIэныгъэхэм теухуа еплъыкIэхэм йодаIуэ.

Щихънагъымрэ муфтиймрэ я гъусэу зэхыхьэм хэтащ Псыхуабэ епархием и ЩIалэгъуалэ къудамэм и унафэщI щоджэн Яковенкэ Илия, муслъымэнхэм я Дин IуэхущIапIэм и лIыкIуэхэр.

3667
Фотогалерея