Фазаннэ къуажэм щагъэнэхуащ члисэщIэм и куполыр

18.06.2021
Просмотры: 2103

Псыхуабэ епархием и Новопавловскэ округым и щоджэнхэм благочиннэ щоджэн Гордин Александр я пашэу тхьэлъэIу литургие щрагъэкIуэкIащ фIэщхъуныгъэ зиIэ, щихъ Кронштадский Иоанн и цIэр зэрихьэу яухуэ члисэм, абы и фэеплъым ирихьэлIэу. Щоджэнхэм я гъусэу Тхьэ елъэIуащ къэзакъхэр, къуажэдэсхэр, щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэр. Литургие нэужьым щоджэнхэм куполымрэ члисэм и жорымрэ ягъэнэхуащ.

2103
Фотогалерея