КъШР-м и Прикубанскэ районым щекIуэкIащ террорым пэщIэтынымкIэ и комиссэм и зэIущIэ. Абы щытепсэлъыхьащ школхэм я шынагъуэншагъэм. Кавказскэ къуажэм и Георгиевскэ члисэм и унафэщI щоджэн Малютин Геннадийрэ КъШР-м и ДУМ-м и лIыкIуэмрэ гу лъригъэтащ егъэджэныгъэр шынагъуэншагъэу къызэрагъэпэщу духовнэ-нравственнэ гъэсэныгъэ иратын папщIэ. Комиссэм и унафэм щыщу къыхилъхьащ щоджэнымрэ ДУМ-м и лIыкIуэмрэ щIалэгъуалэм зэIущIэхэр драгъэкIуэкIыну, радикал гупсысэкIэр зэрышынагъуэм теухуауэ.