2021 гъэм мэкъуауэгъуэм и 6-м, къагъэщIэрэщIэжа къулъшырыфым и япэ унафэщI архимандрит Силуан (Хараим) дунейм зэрехыжрэ илъэсипщI щрикъум ирихьэлIэу, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт, Успенскэ Второафонскэ Бештаурскэ цIыхухъу къулъшырыфым и гъусэу тхьэлъэIу щригъэкIуэкIащ дунейм ехыжам и кхъащхьэм деж.
Къулъшырыфым щызэхуэсащ Кавказым и Минводы и къалэхэм, Москва, Краснодар крайм къикIыу щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэр. Щоджэн нэхъыщхьэмрэ хьэщIэхэмрэ удз гъэгъахэр тралъхьащ. ТхьэлъэIу нэужьым псори Iэнэм тIысащ.