«ДыгъафIэ къалэм» къыщызэIуахащ гъэмахуэ инклюзивнэ зэхуэсыр

06.06.2021
Просмотры: 2251

Псыхуабэ епархием и «ДыгъафIэ къалэ» центрым къыщызэIуахащ ныкъуэдыкъуэхэм я инклюзивнэ гъэмахуэ нэгузыужь лагерыр. Проектым къихьащ «Чристэн жэрдэм – 2021» зэпеуэм и грант цIыкIур. Зэхуэсыр даIыгъщ епархиемрэ ЕссэнтIыгу къалэм и администрацэмрэ.

Гъэмахуэ зэхуэсым и бжэхэр ныбжьыщIэ 12-м хузэIуахащ. Мазэ псокIэ ныбжьэгъухэм программэ гъэщIэгъуэнхэр къапоплъэ: спартакиадэр, квестхэр, арт-фестивалхэр, зэIущIэхэр, дерсхэр.

Зэхыхьэм и волонтёр хъуащ ЕссэнтIыгу къалэм Ставрополь щиIэ къэрал пединститутым и студентхэр.

«Гъэмахуэ зэхуэсыр ди ныбжьыщIэхэм я дежкIэ Iэмал къудейщ адэ-анэхэм япэIэщIэу зэманыр ягъэкIуэныр. Абы и фIыгъэкIэ я щIэныгъэм хагъахъуэ, я зэфIэкIхэр къызэкъуах», - жиIащ «ДыгъафIэ къалэм» и унафэщI Земцевэ Екатеринэ.

2251
Фотогалерея