ИппотерапиемкIэ центрым гуфIэгъуэ щытыкIэм иту манежыщIэ къыщызэIуахащ

02.06.2021
Просмотры: 4296

2021 гъэм мэкъуауэгъуэм и 1-м, Сабийхэр хъумэным я дунейпсо махуэм, Псыхуабэ епархием иппотерапиемкIэ и «Целебный Ессентуки» центрым щхьэ зытелъ манежыщIэ къыщызэIуахащ.

Ар игъэнэхуащ Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт.

«Сабийхэм хуаIэ лъагъуныгъэр къызэрыбгъэлъэгъуэну лъагъуныгъэу ар урикъункъэ? Псом хуэмыдэу апхуэдэ гулъытэ хуэныкъуэщ узым къигъэгузавэхэр. Епархием и центрыр аращ къыщIэунэхуар. Гузэвэгъуэр псоми я зэхуэдэщ», - жиIащ Щихънагъым гъэнэхун къулыкъур щрагъажьэм.

Зэхыхьэм хэтащ Урысейм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэ Чайкэ Юрий. Полпредыр Кавказ Ищхъэрэм исхэм ехъуэхъуащ Сабийхэм я дунейпсо махуэмкIэ.

«Центрым мыхьэнэшхуэ иIэщ. ЩIэблэм лъагъуныгъэ узэрыхуиIэр къэбгъэлъагъуэмэ, гулъытэ яхуэпщIмэ, лъапIэныгъэфIхэм щIэппIыкIмэ, ахэр цIыху нэсу къэдгъэхъуфынущ. Ди хэкум хуэфащэ и цIыху хъуфынущ», - къыхигъэщащ Президентым и лIыкIуэм.

Зэхуэсахэм захуигъэзащ ЕссэнтIыгу къалэм и Iэтащхьэ Некристов Александри. ТхьэлъэIу нэужьым хьэщIэхэр еплъащ иппотерапиемкIэ курсым екIуалIэхэм зэрызыкъагъэлъагъуэм, центрыр зэрырагъэфIэкIуэну планым зыхагъэгъуэзащ.

 

***

ИппотерапиемкIэ «Целебный Ессентуки» центрыр 2017 гъэм щыщIэдзауэ мэлажьэ. Абы шы 18 щаIыгъщ, IэщIагъэлIхэм волонтёрхэр ныкъуэдыкъуэхэм зэрадэлэжьэнум хуагъасэ. Гъэ къэс иппотерапиемкIэ «Целебный источник» центрым Кавказым и Минводы и сабии 100, зи узыншагъэм сэкъат иIэ ныбжьыщIэхэр пщIэншэу йокIуалIэ. Щхьэ зытелъ манеж ухуэныгъэм и пэ къихуэу къэралым и Iэтащхьэм и полпред Чайкэ Юрий и дэIэпыкъуэгъуу, IэщIагъэлIхэр сабийхэм щадэлажьэу щытар щыуэфIырт. Абы дерсхэр игъэгувэрт, сабии 100-м нэблагъэ зэкIуалIэр икIи ахэр зэпагъэун хуей хъурт. Иджы Iэмал яIэщ зэпымыууэ лэжьэну, иппотерапиемкIэ курсым щыпэплъа пIалъэр игъэпсынщIэу.

4296
Фотогалерея