2021 гъэм накъыгъэм и 30-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт иригъэкIуэкIащ Успенскэ Второафонскэ Бештаурскэ цIыхухъу къулъшырыфым и ЩIалэгъуалэ епщыкIуплIанэ зэгъусэ тхьэлъэIур. Гъэ къэс ирагъэкIуэкI тхьэлъэIур епархием и ЩIалэгъуалэ къудамэм къызэрегъэпэщ.
Щихънагъым и гъусэу Бештау дэкIащ Псыхуабэ и члисэхэм я щоджэнхэр, къулъшырыфым и щоджэнхэр, къэзакъхэр, чристэн щIалэгъуалэ центрхэм жыджэру хэтхэр, къалэ школхэм я еджакIуэхэр. БлэкIа илъэсхэми хуэдэу тхьэлъэIу зэхуэсым и лъапIэныгъэ хъуащ апостол пэлъытэхэу Кириллрэ Мефодийрэ я теплъэхэр, зэгъусэ тхьэлъэIур зытраухуар.
Къулъшырыфым и гъэмахуэ Успенскэ члисэм архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу щригъэкIуэкIащ икIи щIалэгъуалэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ. Махуэшхуэр и кIэм щынэблагъэм зэгъусэу сурэт зытрагъэхащ.