2021 гъэм накъыгъэм и 29-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт КъБР-м и Прохладнэ къалэм и Никольскэ члисэм тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ епархием и щоджэнхэм. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къалэдэсхэр, щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэр, къэзакъхэр Тэрч къэзакъыдзэм и атаман Кузнецов Виталий я пашэу.
Литургие нэужьым Щихънагъым, щоджэнхэм, фIэщхъуныгъэ зиIэхэм зэгъусэ тхьэлъэIу щрагъэкIуэкIащ Прохладнэм и уэрамхэм Тхьэм и Анэм и Мэздэгу тхьэнапэр яIыгъыу. ТхьэлъэIум хэтащ дзэм и атаманымрэ къалэм и Iэтащхьэ Тараев Игоррэ. Никольскэ члисэм ягъэзэжа нэужь, архиепископ Феофилакт Игорь иритащ Щоджэн нэхъыщхьэм и щIыхь тхылъыр. ИужькIэ Щихънагъыр члисэм екIуалIэхэмрэ щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэмрэ епсэлъащ.