Гимназием и гъэсэнхэм гъэ еджэгъуэр фIыщIэ тхьэлъэIукIэ зэхуащIыжащ

30.05.2021
Просмотры: 2363

2021 гъэм накъыгъэм и 28-м Кисловодск къалэм и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам фIыщIэ тхьэлъэIу щрагъэкIуэкIащ гъэ еджэгъуэр къызэраухам папщIэ. ТхьэлъэIу уэрэдхэр ягъэзэщIащ Чристэн Свято-Никольскэ классическэ гимназием и гъэсэнхэм.

ТхьэлъэIу нэужьым гимназием и гъэсэн щоджэн нэхъыжь Чеканов Димитрий гимназием и гъэсэнхэм яритащ щIыхь тхылъхэмрэ дипломхэмрэ, фIыуэ зэреджамрэ къалэм и зэхыхьэхэмрэ зэрыхэтамрэ папщIэ.

ИужькIэ 4 классыр къэзыуххэм папщIэ махуэшхуэ зэхэтащ. Гимназием и актовэ пэшым щекIуэкIащ ар. Махуэшхуэм и сценарийр гъэнщIауэ щытащ усэхэмкIэ, уэрэдхэмкIэ, хъуэхъухэмкIэ. Ар игъэхьэзыращ класс унафэщI Манская Ксения члисэ уэрэдхэмкIэ егъэджакIуэ Игнатенкэ Еленэ и гъусэу.

Махуэшхуэм зрагъэхьэлIащ гимназием и щоджэн нэхъыжь Чеканов Димитрий, егъэджакIуэхэм, адэ-анэхэм.

Сабийхэр IутIыжым теухуа усэ къеджащ, фIэщхъуныгъэмрэ ныбжьэгъугъэмрэ теухуа уэрэдхэр жаIащ, школ гъащIэм щыщ теплъэгъуэхэр утыку кърахьащ. Адэ-анэхэр ягъэгуфIащ еплIанэ классыр къэзыуххэм жаIа частушкэхэмкIэ.

Концерт нэужьым 4 классыр къэзыуххэм саугъэтхэр иратащ икIи шей ефэну ирагъэблэгъащ.

2363
Фотогалерея