Благочиннэр къыщыпсэлъащ Псыхуабэ славян тхыбзэм и махуэр щагъэлъапIэм

26.05.2021
Просмотры: 1748

2021 гъэм накъыгъэм и 24-м, апостол пэлъытэхэу Мефодийрэ Кириллрэ я фэеплъ махуэм, Псыхуабэ и библиотекэ нэхъыщхьэм и утым махуэшхуэ концерт щрагъэкIуэкIащ. Аращ къалэм славян тхыбзэмрэ щэнхабзэмрэ я махуэр къызэрызэIуахар.

Концертым и пэ къихуэу къалэм щыпсэухэмрэ зыгъэпсэхупIэм и хьэщIэхэмрэ захуигъэзащ Псыхуабэ члисэ округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Симанович Олег. Щоджэным ягу къигъэкIыжащ славян тхыбзэр къызэгъэпэщыным щIэдзапIэ хуэхъуар Инджыл узэщIыныгъэр зэрыарар.

1748
Фотогалерея