2021 гъэм накъыгъэм и 23-м, Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам и IутIыж махуэшхуэм, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт, хабзэ зэрыхъуауэ, «Чристэн унагъуэ» саугъэтыр зыхуагъэфэщахэм яритыжащ. 2021 гъэм дамыгъэр унагъуипщIым иратащ, бынунагъуэшхуэу 5-м, унагъуи 4-м, сабий ныкъуэдыкъуэхэр зыпIхэр, бынитI зыпIыну къэзыщта зы унагъуи хыхьэу.
«Чристэн унагъуэ» саугъэтыр 2013 гъэм къыхилъхьащ Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт. Саугъэтыр унагъуэхэм хуагъэфащэ чристэн хабзэхэр зэрахъумэм, унагъуэм и хабзэхэр зэрагъэбыдэм, сабийхэм гъэсэныгъэ дахэ зэрыратым папщIэ. Апхуэдэу, саугъэтым унагъуэм и фIагъым жылагъуэм щыхегъахъуэ, Чристэн диным тетхэм.