Къэрэшей-Шэрджэсыр илъэсищэ щрикъум ирихьэлIэу Домбай члисэ щаухуэнущ

18.05.2021
Просмотры: 1795

Къэрэшей-Шэрджэсым и Iэтащхьэ Темрезов Рашид 2021 гъэм накъыгъэм и 17-м республикэм исхэм, щIыналъэм и Парламентым и депутатхэм, КъШР-м и Правительствэм щыщхэм, ФедерацэмкIэ Советым хэтхэмрэ Къэрал Думэм и депутатхэмрэ захуигъэзащ докладкIэ. Зэхыхьэм хэтащ Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт.

Апхуэдэу зэIущIэм хэтащ КъШР-м и муфтийр, республикэм и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ я лIыкIуэхэр, суд, хабзэхъумэ, IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэм я

IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэр, медицинэ IэнатIэхэм я унафэщIхэр, промышленнэ предприятэхэм, банк унэтIыныгъэхэм щыщхэр, щэнхабзэм, мэкъумэш хозяйствэм, социальнэ унэтIыныгъэм, спортым я лэжьакIуэхэр, щIалэгъуалэр, армеец ныбжьыщIэхэр, волонтёрхэр.

ЩIыналъэм и Iэтащхьэм зэхилъхьэжащ блэкIа илъэсым кърикIуахэр икIи къытеувыIащ Къэрэшей-Шэрджэсым и зыужьыныгъэм теухуа и мурадхэр. Апхуэдэу докладым къыщытеувыIащ духовнэ гъащIэм ехьэлIа упщIэхэм.

«Лэжьыгъэшхуэ идогъэкIуэкI Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм ис лъэпкъхэм я щэнхабзэм зедгъэужьыным, духовнэ зэпыщIэныгъэхэмрэ лъапIэныгъэхэмрэ гъэбыдэным. Къэрэшей-Шэрджэсыр илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу дэ… Домбай члисэ, мэжджыт ухуэныгъэхэр щедгъэжьэнущ», - жиIащ Темрезов Рашид.

1795
Фотогалерея