Выставкэр юбилейхэм траухуащ

16.05.2021
Просмотры: 4656

2021 гъэм накъыгъэм и 14-м Псыхуабэ епархием и ЩIалэгъуалэ центрым къыщызэIуахащ Урысейм и сурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм Ставрополь крайм щиIэ къудамэм и правленэм хэтхэм я «На рубеже» выставкэр. Псыхуабэ епархиер къызэрагъэщIэрэщIэжрэ илъэсипщI, къэзакъ лъэпкъыр къызэрагъэщIэрэщIэжрэ илъэс 30 зэрырикъум и щIыхькIэ Ставрополь, Москва, Дон Iус Ростов, Мэздэгу къалэхэм я сурэтыщIхэм я лэжьыгъи 100 зэхуахьэсащ. Зэхыхьэр къыщызэIуахым хэтащ щоджэнхэр, къэзакъхэр, студентхэр, еджакIуэхэр, VIII Евдокимовскэ къеджэныгъэхэм хэтахэр. СурэтыщIхэм я лэжьыгъэхэм тхыдэм, IуэрыIуатэм, щэнхабзэм и унэтIыныгъэхэр къыщыгъэлъэгъуэжащ. Выставкэр мэкъуауэгъуэм и 14 пщIондэ зэхэтынущ.

4656
Фотогалерея