Ипщэ Къэрэшей-Шэрджэс округым и щIалэгъуалэ къудамэм жыджэру хэтхэмрэ в/ч 20096-м и армеец ныбжьыщIэхэмрэ зэгъусэу ирагъэкIуэкIащ «ТекIуэныгъэм и илъэсым IутIыжыр» Iуэхур. Гъэ къэс Iуэхур накъыгъэм и 6-м ирагъэхьэлIэ, Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча щихъ Георгий и фэеплъ махуэм. ЩIалэгъуалэр Шоанин члисэм и махуэшхуэ тхьэлъэIум хэтхэм яхутепсэлъыхьащ 1945 гъэм Христос ЛIахэм къащыхэтэджыкIыжа тхьэмахуэр Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча Георгий и фэеплъым зэрырихьэлIар. Абы ирихьэлIэу Iуэхум хэтхэм иратащ Георгий и лентIыр.