Кисловодск и щоджэнхэр Тхьэ елъэIуащ зауэлIхэм я псэр зэгъэн папщIэ

09.05.2021
Просмотры: 2300

2021 гъэм накъыгъэм и 8-м Кисловодск, зауэлIхэм щыхуагъэува «Солдатам Родины» фэеплъ комплексым деж, зауэлIхэм я псэр зэгъэн папщIэ пэкIу щрагъэкIуэкIащ, фIэщхъуныгъэмрэ Хэкумрэ щIэзэуахэм, абы хэкIуэдахэм папщIэ.

ПэкIур иригъэкIуэкIащ Кисловодск члисэ округым и екIуэлIапIэхэм я благочиннэ щоджэн нэхъыжь Знаменский Иоанн къалэм и члисэхэм я щоджэнхэр щIыгъуу. ТхьэлъэIум щызэхуэсащ администрацэм и лIыкIуэхэр, къэзакъхэр, къалэ-зыгъэпсэхупIэм щыпсэухэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ.

ТхьэлъэIум хыхьэу щоджэнхэм ягу къагъэкIыжащ кхъэм зи псэр щытыншыжахэр. ПэкIу нэужьым зэхуэсахэм захуигъэзащ щоджэн нэхъыжь Знаменский Иоанн. ИужькIэ щоджэнхэм удз гъэгъахэр тралъхьащ зауэлIхэм я фэеплъым.

ЗауэлIхэм я кхъэм пэкIур щрагъэкIуэкIащ къалэ администрацэм щэнхабзэмкIэ и къудамэмрэ абы и унафэщI Сквиренкэ Иннэрэ я жэрдэмкIэ. ЩэнхабзэмкIэ къудамэм и лэжьакIуэхэм «Солдатам Родины» фэеплъым деж щыщIалъхьа зауэлIхэм я цIэхэр къагъуэтыжащ.

2300
Фотогалерея