IутIыж махуэшхуэм щыIущIащ пасэрей Шоанин члисэм

07.05.2021
Просмотры: 6318

2021 гъэм накъыгъэм и 6-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу лиутргие щригъэкIуэкIащ Къэрэшей-Шэрджэсым и Шоан бгым тет Георгиевскэ члисэм. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ республикэм и щоджэнхэм. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ Орджоникидзевскэ къуажэм и гъунэгъу щIыналъэхэм щыпсэухэр, осетин зэгухьэныгъэм хэтхэр, армеец ныбжьыщIэхэр, къэзакъхэр, Дзэ-хьэуа къарухэм къулыкъу щызыщIэхэр, Урысейм и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыщу щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну къэкIуахэр.

Литургие нэужьым Щихънагъым Щоджэн нэхъыщхьэм и щIыхь тхылъхэр яритащ фIэщхъуныгъэ зиIэхэм, республикэм и члисэхэм дэIэпыкъухэм. КъШР-м и Iэтащхьэм и хъуэхъур фIэщхъуныгъэ зиIэхэм ялъигъэIэсащ республикэм и Iэтащхьэм и Аппаратымрэ и Правительствэмрэ я унафэщIым и япэ къуэдзэ Пивоваровэ Надеждэ. Махуэшхуэр зэгъусэ тхьэлъэIукIэ зэхуащIыжащ.

6318
Фотогалерея