ЕссэнтIыгу станицэм щагъэлъэпIащ члисэр зэрагъэнэхуам и юбилейр

06.05.2021
Просмотры: 4118

2021 гъэм накъыгъэм и 5-м, ЕссэнтIыгу станицэм и Успенскэ члисэр зэрагъэнэхурэ илъэсипщI щрикъу махуэм, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургиер иригъэкIуэкIащ.

Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Псыхуабэ епархием и Административнэ секретариатым и унафэщI щоджэн Яковенкэ Илия, ЕссэнтIыгу округым и щоджэнхэм благочиннэ, члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Еланцев Сергий, къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрий сымэ я пашэу. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ алыдж зэгухьэныгъэм хэтхэмрэ станицэм щыпсэухэмрэ.

Литургие нэужьым Щихънагъым IутIыж зэгъусэ тхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ, фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ, юбилей Щоджэн нэхъыщхьэ щIыхь тхылъхэр унафэщIым, псапащIэхэм, члисэм екIуалIэхэм яритащ.

4118
Фотогалерея