ЕкIуэлIапIэм кIуэхэм ехъуэхъуащ музыкэ школым и хорыр

05.05.2021
Просмотры: 1412

Псыхуабэ и Покров члисэм и тхьэмахуэ школымрэ екIуэлIапIэм кIуэхэмрэ я IутIыж махуэшхуэр члисэ пщIантIэм щрагъэкIуэкIащ. Махуэшхуэм и хьэщIэ хъуащ къалэм и музыкэ школ №2-м духовнэ-эстетикэ гъэсэныгъэмкIэ и къудамэм и еджакIуэхэр. Плехановэ Светланэ и Сабий хорым духовнэ лэжьыгъэхэр, IутIыж уэрэдхэр игъэзэщIащ. Члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Симанович Олег гупым фIыщIэ яхуищIащ икIи хьэщIэ ныбжьыщIэхэм IутIыж IэфIыкIэхэр яритащ.

1412
Фотогалерея