УнафэщIыр IутIыжымкIэ ехъуэхъуащ екIуэлIапIэм кIуэ бынунагъуэшхуэхэм

04.05.2021
Просмотры: 2670

Тхьэмахуэ нэхум и блыщхьэм, 2021 гъэм накъыгъэм и 3-м, Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и тхьэмахуэ школымрэ Кисловодск и Чристэн Свято-Никольскэ классическэ гимназием щагъэхьэзыр и классымрэ IутIыж махуэшхуэр щагъэлъэпIащ.

Пэшым щызэхуэсащ еджакIуэхэм я адэ-анэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ. Концертыр IутIыж тропарыр жаIэу ирагъэжьащ. Тхьэмахуэ школым и унафэщI щоджэн нэхъыжь Знаменский Иоанн ныбжьыщIэхэмрэ нэхъыжьхэмрэ ехъуэхъуащ IутIыж махуэшхуэмкIэ икIи захуигъэзащ IутIыж гуфIэгъуэр я гум щахъумэну.

Тхьэмахуэ школым и завуч Синявская Татьянэрэ музыкэмкIэ егъэджакIуэ Игнатенкэ Еленэрэ я унафэм щIэту сабийхэм уэрэдхэр жаIащ Христос ЛIахэм къазэрыхэтэджыкIыжам и щIыхькIэ, зэпеуэхэм хэтащ, къуажэхьхэр къащIащ.

Махуэшхуэр и кIэм щынэблагъэм унафэщIыр ехъуэхъуащ екIуэлIапIэм кIуэхэм я унагъуэхэм, сабиибл, хы, тху зыпIхэм. Щоджэным унагъуэхэм IутIыж саугъэтхэр яритащ икIи ахъшэкIэ ядэIэпыкъуащ, адэ-анэхэм фIыщIэ яхуищIащ чристэн хабзэхэр унагъуэхэм зэрыщахъумэм, сабийхэр диным зэрыщIапIыкIым папщIэ.

Махуэшхуэм хэта ныбжьыщIэхэм Иоанн IутIыж IэфIыкIэхэр, куличхэр яритащ.

2670
Фотогалерея