Архиепископ Феофилакт тхьэмахуэ верб тхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ

27.04.2021
Просмотры: 2221

2021 гъэм мэлыжьыхьым и 24-м, Тхьэр Иерусалим щыдыхьа махуэшхуэм и пэ къихуэу, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт Псыхуабэ и Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам тхьэлъэIур щригъэкIуэкIащ. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ члисэ зэхуэхьэсам и щоджэнхэм. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къалэм щыпсэухэр, зыгъэпсэхупIэм и хьэщIэхэр. Щихънагъыр махуэшхуэ Инджылым къеджащ, вербыр игъэнэхуащ.

2021 гъэм мэлыжьыхьым и 25-м, Верб тхьэмахуэм архиепископ Феофилакт Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ. ХъыбарыфIхэр зэрыт тхылъ лъапIэм къыщыхьахэм къеджа нэужь, Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ. Литургие нэужьым Пастыр нэхъыщхьэм вербыр игъэнэхуащ икIи Псыхуабэ епархием и щIалэгъуалэ центрым екIуэлIапIэм кIуэхэм щепсэлъащ.

2221
Фотогалерея