Архиепископ Феофилакт хэтащ Псыхуабэ и Лъэпкъ, жылагъуэ советхэм

22.04.2021
Просмотры: 1762

Псыхуабэ и Лъэпкъ, Жылагъуэ советхэм я зэгъусэ зэхуэсыр 2021 гъэм мэлыжьыхьым и 21-м щрагъэкIуэкIащ «Россия - моя история» музейм. Гулъытэ нэхъыбэу зыхуащIар – щэнхабзэ, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, граждан жылагъуэм зрагъэужьынырщ, лъэпкъ зэхущытыкIэхэр ягъэбыдэнырщ, щIалэгъуалэм хабзэр къызэпрамыгъэудынырщ.

ЗэIущIэм хэтхэр къытеувыIащ Псыхуабэ лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм щыщ и щIалэгъуалэр мэлыжьыхь щэбэт щIыхьэхухэм зэрыхэтам, Университетскэ уэрамым тет ЩIалэгъуалэ центрым и лэжьыгъэм, Псыхуабэ къалэм и КВН лигэр къызэрагъэщIэрэщIэжам, цIыхухэр зэпэIэщIэу мыхъуу зэIущIэурэ зэхуэзэным мыхьэнэшхуэ зэриIэм, лъэпкъ, щэнхабзэ, дин хабзэхэм.

Апхуэдэу зэхыхьэм хэтхэр тепсэлъыхьащ «Формирование комфортной городской среды» къэрал программэр зэрагъэзащIэм. Гулъытэ нэхъыбэ хуащIащ къалэм дэсхэр 2022 гъэм объектхэр егъэфIэкIуэным теухуа IэIэтым зэрыхэтым, 26.GORODSREDA.RU электроннэ утым мэлыжьыхьым и 26-м щыщIэдзауэ накъыгъэм и 30 пщIондэ ирагъэкIуэкIынум. Псыхуабэ и Iэтащхьэм зэхыхьэм хэтхэр къыхуриджащ программэм къыхыхьэну.

КъищынэмыщIауэ ахэр тепсэлъыхьащ экологие Iуэхухэм, мэлыжьыхьым Псыхуабэ и Iэгъуэблагъуэм щрагъэкIуэкIам. Ворошилов Дмитрий фIыщIэ хуищIащ Мэшыкъуэ, Армян мэзым, Московскэ уэрамым и Дубравэ мэзылъэм щекIуэкIа щэбэт щIыхьэхум хэтахэм икIи Жылагъуэ, Лъэпкъ советхэм хэтхэр къалэпсо щIыхьэхум иригъэблэгъащ, мэлыжьыхьым и 24-м траухуам. ЗэIущIэр щиухым музейм зыщрагъэплъыхьащ.

1762
Фотогалерея