Архиепископ Феофилакт Минводы щригъэкIуэкIащ пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэр

08.04.2021
Просмотры: 2773

2021 гъэм мэлыжьыхьым и 7-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургиер щригъэкIуэкIащ Минводы къалэм и Благовещенскэ члисэм. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Минераловодскэ округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Панасенкэ Алексий, члисэм и унафэщIхэм, къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрий. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къалэм щыпсэухэр. ТхьэлъэIу нэужьым Щихънагъым зэгъусэ тхьэлъэIу иригъэкIуэкIащ, фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ. Хабзэм тету, щоджэнхэм я гъусэу тхьэрыкъуэхэр уэгум ираутIыпщхьащ. Махуэшхуэр и кIэм щынэблагъэм зэгъусэу сурэт зытрагъэхащ.

2773
Фотогалерея